«Хэкум сызэрыщымыпсэур дагъуэщ, ауэ абы къикIкъым псэупIэ схуэхъуа хамэ къэралми сыщымыадыгэфыну»,—жеIэ гукIи псэкIи къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж Бацэжь Мухьэмэд-Хъер. Кавказ зауэ ужьым адэжь щIыналъэр зыбгынэн къызыхудэхуа адыгэхэм Мухьэмэд-Хъер и адэшхуэ Амдулэхь, абы и адэ Мамсыр яхэхуащ. Хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа дэтхэнэми и къекIуэкIыкIар гуауэкIэ зэрыгъэнщIам хуэдэу Бацэжьхэ нэщIэбжьэ мащIэкъым зыпхырыкIар.
Иорданым куэшу, абдеж я лъэ щагъэувыхункIи гугъуехь мащIэкъым япэщIэкIари. Ауэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпо хуэмызами зэрыадыгэр, Хэку зэраIэр зы дакъикъи зыщагъэгъупщакъым. Мухьэжыру адыгэ хэкум икIахэм къащIэхъуа щIэблэри а гъуэгуращ зытрагъэувар. Бацэжь Мухьэмэд-Хъер и адэ Алий къыхилъхьа гъэсэныгъэм адыгэ хабзэм, нэмысым увыпIэ ин щиубыдащ. Ар къэтэджащ зэрыадыгэм къару мыкIуэщIыжрэ гушхуэныгъэ инрэ къыхилъхьэу. © Адыги.RUАдыгэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыщ тхылъ
Понравилась статья? Подпишитесь на канал, чтобы быть в курсе самых интересных материалов
Подписаться