Мыжей Михаил и тхылъу "Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ". Мыжей Исмэхьил и къуэ Михаил (Мыжей Мышэ) 1937 гъэм июным и 5-м Черкесск къалэ къыщалъхуащ. ЛъапсэкIэ Инжыджышхуэ (Беслъэныкъуэм и къуажэм) щыщщ, иужьрей адыгэ джэгуакIуэшхуэ Мыжей Сэхьид и къуэрылъхущ. Михаил лъэпкъщIэныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщщ.
1966 гъэм щегъэжьауэ дунейм ехыжыху (1992) Къэрэшей-Адыгэ щIэныгъэхутэ институтым щылэжьащ. Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ (Тбилиси, 1972 гъ.: "Мифологическая и обрядовая поэзия адыгов"), зи цIэ къитIуа институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и тхьэмадэт. "Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ" тхылъыр Черкесск къалэ 1980 гъэм къыщыдэкIащ, тиражыр экземпляр 600, п.л. 5,7 хъууэ. Ар гъэхьэзырыным ипэ къихуэуи иужькIи Мыжей Михаил зэфIихащ лэжьыгъэшхуэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынымкIэ, абы щIэныгъэхутэ лэжьыгъэ ехьэлIэнымкIэ, къыдэгъэкIыжынымкIэ. Лъэпкъ хабзэм и куупIэр, и лъапсэхэр, зэрызихъуэжа щIыкIэр Мыжей М. IуэрыIуатэ щапхъэхэм тету, тхыдэ документхэр къигъэсэбэпу, езым и щIэныгъэ еплъыкIэр игъусэжу анализ ещI. "Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ" тхылъым и зэхэлъыкIэ-гъэпсыкIэм кIэщIу гу лъыттэжмэ тфIэигъуэт. Ар Iыхьэ зыбжанэу зэхэтщ, дэтхэнэ зыри хабзэм, культурэм и зы Iыхьэм хуэгъэзауэ: "Тхыдэм и лъэужьхэр": адыгэм я бжыгъэр, тхыдэм зэрыхэтхэр, адыгэ лъэпкъыцIэхэр; "Хабзэм и бзыпхъэр": хабзэр цIыхум къызэрыдэгъуэгурыкIуэр, зэрызихъуэжыр, хабзэкIэ (культурэкIэ) лъэпкъхэр зэрызэхъуажэр, лъэпкъ хабзэмрэ дин хабзэмрэ; "Уэр мыхъуам сыбгъэдамэншэт...": Хэкур, лъэпкъыр фIыуэ лъагъуныр, псэемыблэжу хуэлэжьэныр; "Гъунэ махуэ итлъауэ...": лэжьыгъэм фшгъуэу пылъыр, гуащIэдэкI хабзэхэр, ерыскъыр гъэлъэпIэныр; "ЗэдэщIэ щIэхщ": зэгурыIуэныгъэр, адыгэ щIыхьэхур; "Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып": нэхъыжьыр, адэ-анэр гъэлъэпIэныр; "Лъэпкъым и лъынтхуэ, быным и быдзышэ": бзылъхугъэм и пщIэр, адыгэ хабзэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм абы увыпIэу хуагъэнахуэр; "И гущэпс быдэ ухъу!": сабий пIыным кIэлъызэрахьэ хабзэхэр, нэщэнэхэр, хъуэхъухэр; "Нысэ махуэ къыдошэ": нысашэ джэгу хабзэхэр, унагъуэ быдэр лъэпкъым и быдапIэу зэрыщытыр; "Шур сэмэгумкIэ йопсых": хьэдэщIэлъхьэм епха хабзэхэр, абы я зыужьыкIэр, хьэдэр гъэлъэпIэным мыхьэнэуэ иIэр; "Бысымыр гъуазэщ, хъэщIэр гъуэзэджэщ": хьэщIэ гъэлъэпIэныр адыгагъэм и зы пкъоуэ зэрыщытыр, хьэщIэмрэ бысымымрэ яку дэлъ хабзэхэр; "Щыгъыныр гуащэщи яшIэр пщы унэщ": щыгъыным, псэуалъэм, хапIэм я мыхьэнэр, ахэр екIуу, къабзэу зехьэныр; "Ивгъахъуэт бжъэхэм": фадафэ щIэнхабзэр, абы тхыдэ, жылагъуэ мыхьэнэуэ иIэр, ешхэ-ефэм и мардэр, гъэсэпэтхыдэу пылъыр; "Нэмысыр насыпщ": нэмысыр адыгагъэмрэ адыгэ хабзэмрэ я лъабжьэу, цIыхугъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я пщалъэу зэрыщытыр, псэ узыншагъэм зэрепхар; "Фи сабийм сыт фIэфщынур": адыгэбзэм, хьэрыпыбзэм, тыркубзэм, н. къыхэкIа щIалэцIэхэмрэ хъыджэбзыцIэхэмрэ, абыхэм мыхьэнэуэ къарыкIыр. "Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ" тхылъыр щIэныгъэ-популяр стилым иту тхащ, мурад нэхъыщхьэуи авторым зыхуигъэувыжауэ щытар лъэпкъым иугъуея щIэныгъэр езы лъэпкъым – нобэрей и щIэблэм – бгъэдэлъхьэжиныр арат. Псоми зэращIэщи, адыгэм къыдекIуэкIа хабзэр, тхыдэр совет идеологием щыIэщIихыж зэмант тхыльым и къыдэкIыгъуэр зытехуар. Адыгэм езым ейр къыкIэрыхуауэ, зэманым емыкIужу щагъэува, езы лъэпкъым а еплъыкIэр кърагъэштэжыну шыхэта лъэхъэнэт. Абы къыхэкIыу Iэрытхым зыбжанэрэ кърагъэгъэзэжат, авторым ар зэрихъуэкIыжын, игъэкIэщIын хуей хъуат, икIэм икIэжым къыдэкIари тхыгъэм и ныкъуэрат, идеологием къигъэув къупхъэм иту. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу тхылъыр цIыхум хуабжьу фIыуэ ялъэгъуат, фIышIэ псалъэ зэрыт тхыгъэхэр, рецензиехэр тхылъеджэ къызэрыкIуэхэми щIэныгъэлIхэми авторым куэду къыхурагъэхьауэ щытащ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэри яхэту. Тхылъым и бзэр официаль литературэбзэм и къупхъэм имыту, адыгэ аутентик IуэрыIуатэбзэ стилым нэхъ пэгъунэгъуу тхащ. ЩIэныгъэ лъабжьэм тету, дунейпсо цIыхубэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр и тегъэщIапIэу авторым адыгэ хабзэр зэпкърех, IуэрыIуатэм, философей жыIэхуэхэм, нэгъуэщI хэхыпIэхэм ящыщ щапхъэхэр куэду къегъэсэбэп. А зэманым щIэныгъэлI ныбжьыщIэ Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий адыгэ хабзэр щIэныгъэ лъабжьэ иIэу дунейпсо утыкум зэрыригъэхьэфам ("Адыгский этикет", 1978) Мыжей Михаил хуабжьу иригушхуэт, ар щапхъэу куэдрэ и лэжьыгъэхэми лекцэхэми къыщихьт. ИкIи хабзэм теухуа тхылъ адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIын зэрыхуейр (езы лъэпкъым ар къегъэщIэжыным, гурыгъэIуэжыным, къегъэщтэжыным папщIэ) щIэныгъэм къыпэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къилъытэт. Пашты Мадинэ.Мыжей Михаил и тхылъу "Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ".
Понравилась статья? Подпишитесь на канал, чтобы быть в курсе самых интересных материалов
Подписаться